- зэпкърыхын
- (зэпкърех) перех. гл. 1. разобрать что-л. (напр. машину)/ Зэпкърылъ гуэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэу зэпэщхьэхуэ щIын.Машинэр зэпкърыхын. Гу зэпкърыхын. Iэжьэ зэпкърыхын.2. переносное разделать тушу/ Лыджанэ-лыджанэу зэпэщхьэхуэ, Iыхьэ-Iыхьэ щIын (Iэщ укIар, джэд укIар). Мэлыр зэпкърыхын. Джэдыр зэпкърыхын.3. разобрать, проанализировать что-л./ ЗэхэгъэкIын, наIуэ щIын, и зэхэлъыкIэр къэгъэбелджылын.Рассказыр зэпкърыхын. Iуэхур зэпкърыхын. Псалъэухар зэпкърыхын.* Тхыдэ илъэныкъуэкIэ Iуэхугъуэ пэжхэм яхуэгъэзауэ зэпкърысхащ, зэрызэкIэлъыкIуэным хуэдэу згъэтэмэмащ. Н. Ш.4. переносное размыть что-л./ ЗэкIэрылъэсыкIын.ЯтIэр псым зэпкърихащ.5. переносное лишить бодрости; сделать вялым, слабым (о жаре, болезни)/ И пкъыр щIэгъэлIэн, къарууншэ щIын.Iэпкълъэпкъыр дыгъэм зэпкърихын.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.